Адыгэ уэрэд | Иуан Владимир - Фӏылъагъуныгъэ щымыӏатэм (псалъэхэр щӏэтхауэ)

ТЕКСТ: И лъабжьэр щӏылъэм хэмытамэ, мо жыгыр сытым щӏиӏыгъэнт? Дыгъэшхуэр уэгум имытамэ, гуфӏэу ар сытым хуэгъэгъэнт? Фӏылъагъуныгъэр щымыӏамэ, Мы дунеишхуэр мыгъэгъэнт, Ар цӏыхухэм я гум имылъамэ, Цӏыху насыпыфӏи щымыӏэнт. Жьапщэр къыкъуэурэ къыхитхъамэ, и къуэпсыр щӏылъэм хэкӏуэдэнт. Е ар гу бампӏэм зэгуитхъамэ, и щхьэкӏэр гъатхэм мыгугъэнт. Фӏылъагъуныгъэр щымыӏамэ, Мы дунеишхуэр мыгъэгъэнт, Ар цӏыхухэм я гум имылъамэ, Цӏыху насыпыфӏи щымыӏэнт. Уи лъагъуныгъэр мы си гущӏэм дыгъэу сыт щыгъуи щхьэщытам, Къыпэлъэщынтэкъым си гъащӏэм борэни жьапщи зэхэтам. Фӏылъагъуныгъэр щымыӏамэ, Мы дунеишхуэр мыгъэгъэнт, Ар цӏыхухэм я гум имылъамэ, Цӏыху насыпыфӏи щымыӏэнт. %D0%B0%D0%B4%D1%8B%D0%B3%D1%81%D0%BA%D0%B8%D0%B5-%D0%BF%D0%B5%D1%81%D0%BD%D0%B8/%D1%84/%D1%84%D3%8F%D1%8B%D0%BB%D1%8A%D0%B0%D0%B3%D1%8A%D1%83%D0%BD%D1%8B%D0%B3%D1%8A%D1%8D-%D1%89%D1%8B%D0%BC%D1%8B%D3%8F%D0%B0%D1%82%D1%8D%D0%BC #ф1ылъагъуныгъэр #фiылъагъуныгъэр #фLылъагъуныгъэр #щымы1амэ #щымыiамэ #щымыLамэ #ф1ылъагъуныгъэ #фiылъагъуныгъэ #фLылъагъуныгъэ #щымы1атэм #щымыiатэм #щымыLатэм